Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

кIэ кIыхь

  • 1 кIэ


    1.
    1) хвост
    кIэ кIыхь хвостатый
    2) юбка
    3) конец
    гъуэгум и кIэ конец дороги
    абы кIэ игъуэтащ и дело с концом
    кIэ имыIэу без конца
    кIэи гъуни иIэкъым конца краю нет
    2. в знач. опр. хвостовой

    Кабардинско-русский словарь > кIэ

  • 2 псы

    I 1. вода
    / Псыежэх, тенджыз, гуэл сытхэр къэзыгъэхъу ущызэкIэщIэплъ ткIуаткIуэ.
    * Шыгъу зышхар псы йофэж. (погов.) Псыр псэ пылъхьэжщ. (погов.)
    2. река
    / Псыежэх.
    * Лъагъуэхэш ажэжьхэр псы уэрым пэмылъэщу ирихьэжьэрэ хъушэр абы кIэлъелъэрышэмэ, куэд итхьэлэнкIэ хъунут. Т. Хь. Псы икIыгъуэм унэмысу уи кIэр думыхьей. (погов.)
    Псибл икIын кануть в вечность (букв. оно уже за семью реками). Псы гъэва кипяченная вода.
    * Пщэдджыжьым ХьэтIутIэ псы гъэвакIэ зэхэпща хьэкъуртыр ишхри лIыщIапIэм къэкIуащ. Ж. Б.
    Псы игъэжыхьыжын разорить дотла подчистую что-л.
    * ЖьакIэжь и лъапсэм псы идгъэжыхьыжынщи ди Сэтэней гуащэ дахэр тхьыжынщ, - яжриIащ Уэзырмэс нартхэм. Нарт.
    Псы мэхын = псы хуэлIэн.
    Псы утхъуам бдзэжьей къыщыубыдын в мутной воде ловить рыбу.
    Псы хыхьэн пропитаться водой.
    * ЦейлъэщIым псы хуабжьу хыхьэри шыдым и хьэлъэр куэдкIэ нэхъ уэндэгъу хъуащ. Япэу лъ. з.
    Псы хуэлIэн испытывать жажду.
    * Ажэр псы хуэлIэ хъуати бгым ехри псыкъуийм бгъэдыхьащ. Япэу лъ. з.
    Псы щIэгъэуэн затопить.
    Псы щIэуауэ къэнэн остаться ни с чем, разориться.
    Псым итхьэлэн утонуть.
    * Бдзэжьей цIыкIу псышхуэ итхьэлэрэ? (погов.) Инжыдж узэпрыкI хъуну псытэкъым - шыбэри Iэщ хъушэри итхьэлащ. Нарт.
    Псым иубыдын = псы хуэлIэн.
    * Пхъэри ислъхьауэ, тIэкIуи сешауэ, псым сиубыдати, адэ.. къуэмкIэ сежьащ. Е. К.
    Псым тхъу техын переливать из пустого в порожнее (букв. с воды снимать коровье масло).
    Псым хуэдэу къэфэн танцевать плавно (букв. танцевать как вода).
    Псым хуэдэу уаулъагъу! Чтоб тебя ( люди) стали ценить так же, как и воду!
    Псым щIилъэфэн пойти ко дну, утонуть.
    Псыр щIэкIын высыхать.
    псы бабыщ серая утка
    / Шэд къамылылъэхэм щыпсэу бабыщыщхъуэ.
    Псы бабыщым и лыр IэфIщ.
    псы бзу оляпка, водяной воробей
    / Зи дамэхэр кIэщI, бзу гъуабжэ кIагуэ лъакъуэ кIыхь цIыкIу.
    Псы бзур нэхъыбэрэ щыгъуалъхьэр псы Iуфэ пабжьэ зэгъуэкIхэрщ.
    / ЩIыIубнэфым ещхьыфэ дзыгъуэ лъэпкъ.
    Псы бланэр нэхъыбэрэ мэзым щIэж псыхэм щопсэу.
    псы дэгъэуэхыпIэ место пуска воды по определённым руслам
    / Псыр зыхуей кIэнауэм щыдагъэлъадэ, щагуэш щIапIэ.
    * Псы дэгъэуэхыпIэ щIын.
    псы джэд лысуха ( птица)
    / Шэдыр зи псэупIэ джэд лъэпкъ.
    Псы джэд псым итхьэлэкъым, мэлыхъуэхьэ дыгъужьым ихькъым.
    псы дзыгъуэ водяная полевка ( водяная крыса)
    / Псым щыпсэу дзыгъуэ.
    Псы дзыгъуэм пыт кIэ кIэщIыр щескIэ къегъэсэбэп.
    псы ефапIэ водопой
    / Iэщыр псы щрагъафэу псыежэх, гуэл с. ху. яIэ щIыпIэ хэха.
    Шыхэр псы ефапIэм хун.
    псы жапIэ см. псы бэкъу.
    * Псы жапIэу дэ тхуащIахэм Тэрч IурыщIэу тетщи къожэр. П. Б.
    псы зешапIэ водопровод
    / Псыр бжьамийхэмкIэ зэрызэрашэ ухуэныгъэ.
    Къуажэхэм псы зешапIэхэр щащIащ.
    псы ина лужа
    / Уэшх нэужьым, уэсыр щыткIукIэ е псы къытеуа нэужь кумблIэмбхэм къинэ псы.
    Машинэм псы инахэр иутхыурэ мажэ.
    псы куу глубоководный
    / Зи гущIыIумрэ зи лъащIэмрэ зэпэIэщIэ псы.
    Псы куухэм кхъухь щызокIуэ.
    / Псыежэх цIыкIу.
    псы кIэнтхъ незначительный остаток воды ( после запруды или пересыхания)
    / Псы кIэкъинэ.
    Псы кIэнтхъ икIутын.
    псы къиуа разлив, половодье
    / Уэсымрэ мылымрэ куэду ткIууэ е уэшхышхуэ къешхыху псыр ину къежэхыныгъэ.
    Псы къиуам нэри пэри ихьу йожэх. Псы къиуам хэхуэн.
    псы къыпыжыпIэ водосток
    / Псыр къыщыпыж, къызыпыж.
    Псы къыпыжыпIэр пыщтыкIат.
    * Псы къыпыжыпIэм пэгун щIэгъэувэн.
    псы къыхэжыпIэ исток реки
    / Псыежэхым и къежьапIэ.
    псы къуэкIий см. псыбэкъу.
    * Темботрэ Исуфрэ шыгъуэгу щхьэгъубжэмкIэ долъ, бжыхьым щхьэдолъыхри псы къуэкIийм долъадэ. Щ. Ам.
    псы нэпкъ обрывистый крутой берег
    / Псы Iуфэ задэ.
    псы ныджэ пойма реки
    / Псы къыщиуам деж щIигъанэ щIыналъэр.
    * Си наджэ-къаджэм псы ныджэ пшахъуэр яубэ... Къэб. п. и ант.
    псы уэрыпIэ стремнина ( в реке)
    / Псыежэхыр нэхъ щыуэр щIыпIэ.
    Псы уэрыпIэм щынэсым шур шым кърихьэхащ.
    псы хэлъэдапIэ устье реки
    / Псы ежэхыр тенджызым, гуэлым е нэгъуэщI псыежэхым щыхэхуэж щIыпIэ.
    псы хэхуапIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хэхуэжыпIэ см. псы хэлъэдапIэ.
    псы хущхъуэ целебная вода, лечебный источник
    / Уз гуэрхэм зэреIэзэ псы.
    Ди республикэр псы хущхъуэхэмкIэ къулейщ.
    псы хьэлывэ вареник
    / Кхъуейлъалъэ, кIэртIоф с. ху. дэлъу гъэва хьэлывэ цIыкIу.
    Псы хьэлывэ щIын.
    псы хъумапIэ водохранилище
    / Псы щахъумэн папщIэ ящIа гуэл IэрыщI.
    / КIэпIащIэ зиIэ, псым щесыф, шындырхъуом ещхь псэущхьэ.
    псы щхьэл водяная мельница
    / Псым игъэхьэжэ щхьэл.
    / Псым и лъащIэ.
    Псыр къабзэти псы щIагъым щIэлъ псори плъагъурт.
    псы щIагъ кхъухь подводная лодка
    / Псы щIагъым щызекIуэ кхъухь.
    Псы щIагъ кхъухьым къулыкъу щыщIэн.
    псы IэфI газированная вода с сиропом
    / Газ зыхэт, пхъэщхьэмыщхьэпс IэфI зыхэкIа псы.
    Псы IэфI ефэн.
    псы Iуб глоток воды
    / Псы ткIуэпс, гъаткIуэ, псы еIубыгъуэ.
    * Пхъэру къажэм псы Iуб ягъуэткъым. фольк. Дыгъужьыгъуэ хьэкхъуафэм итым щыщу зы псы Iуби сIухуакъым. Нарт.
    псы Iуфэ берег реки
    / Псыежэхыр зыдэт къуэм и джабитI псым хуэгъэзар.
    * КIукIуэ нэпкъым ехри псы Iуфэм Iулъ мывэ гуэрым тетIысхьащ. Iуащхь. Псы Iуфэм Iусым икIыпIэр ещIэ. (погов.)
    Псы Iуфэ мылу зыIуегъэхын убраться, уйти с глаз долой.
    Псы Iуфэ мылу IугъэсыкIын заставить кого-л. уйти, убраться.
    * Пщы ябгэм и гъунэгъуу хамэ гуэр къэтIысамэ, псы Iуфэ мылу IуигъэсыкIырт. Къэб. таур.
    псы Iуфэ бзу трясогузка ( птица)
    / Псыхъуэм дэсырей бзу кIэ кIыхь цIыкIу; мывэкIэпыс.
    II 1. шнурок
    2. ручка чего-л.
    / Сумкэ, портфель с. ху. яIэ убыдыпIэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > псы

  • 3 хьэкIэмэл

    порода тонкорунных овец
    / Цы щабэ къызытекI, кIапэ зимыIэ мэл кIэ кIыхь лъэпкъ.
    ХьэкIэмэл гъэхъун.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > хьэкIэмэл

  • 4 шындырхъуо

    ящерица
    / Пкъы, кIэ кIыхь зиIэ, лъакъуиплI зыщIэт хьэпщхупщ мыин, и щIыфэ псом кхъапIэ цIыкIу телъу.
    Шындырхъуо гъуабжэ. Шындырхъуо шыр.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > шындырхъуо

  • 5 бзу

    воробей
    / ЦIыхухэм я псэупIэм и гъунэгъуу щыпсэу, зи фэр морэ=гъуабжафэу щыт къуалэбзу цIыкIу.
    * Пщэдеирей ныбгъуэ нэхърэ, нобэрей бзу. (погов.) Бзум ил и лэпсщ. (погов.) Уэсукхъуэр бзу цIыкIум къегъэхъей. (погов.) Зи хущхьэ хъум и бзу. (погов.)
    Бзу кхъуей птичье молоко.
    Бзум худрапхъей имыIэн не иметь ни крошки.
    * ЦIыхум дахыхьэн дыукIытэу хьэджафэ шыру, унэм дыкъыщIыхьэжмэ, бзум худрапхъей димыIэу дыкъэбгъэнащ. Къ. Хь.
    бзу дамэху название птицы
    / Губгъуэ къуалэбзу лъэпкъ.
    бзу кIэзэгуэх зоол. каменка
    / Къуалэбзу лъэпкъ; мывэкIэпыс.
    Бзу кIэзэгуэхи, бзу кIэплъи, бзуупцIи къэкIуат зэIущIэм. Ад. фольк.
    бзу кIэплъ зоол. горихвостка
    / КIэ гъуэжь-плъыжьыфэ зыпыт къуалэбзу лъэпкъ.
    бзу кIэплъ фIыцIэ зоол. горихвостка-чернушка
    / КIэ гъуэжь-плъыжьыфэ зыпыт къуалэбзу фIыцIэ лъэпкъ.
    / Къуалэбзу лъэпкъ.
    бзу пэ кIыхь зоол. бекас
    / Шэдылъэхэм щыпсэу къуалэбзу лъэпкъщ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > бзу

  • 6 дзыгъуэ

    мышь
    / Гъавэм хуэлъэ шэрыпI псэущхьэ жьгъей, кIэ джафэ кIыхь пыту, гъуэмбым щопсэу.
    * Джэду здэщымыIэм дзыгъуэ щоятэ. (погов.) Дзыгъуэ пэтрэ щIымахуэм хуогъэтIылъэ. (погов.)
    Дзыгъуэ гъуанэ дихьа {вся} подноготная.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > дзыгъуэ

  • 7 зэпычын

    а) (зэпеч) перех. гл. 1. перервать что-л. (напр. нитку, веревку и т. п.)
    / КъарукIэ зэпыгъэщхьэхукIын.
    Фызым Iуданэр зэпичащ.
    2. переносное размежевать что-л.
    / Iыхьэ-Iыхьэу гуэшын (щIы, вапIэ, хадапIэ).
    * Къуэдзокъуэм къегъэлъагъуэ "пщылIыпIэм къикIахэр, къэрэхьэлъкъыр къуажэщIэхэр зэпычыным темыпыIэжу зэрыпэплъэр".
    3. переносное пройти, проехать, преодолеть (какое-л. расстояние)
    / КIун, къызэнэкIын.
    * Гъуэгуанэ кIыхь зэпысчри Лабэ цIыкIу сыкъыщхутащ. Iуащхь. МакIуэр мыпсэхуу шу бланэр, Мэзыжьхэр, бгыжьхэр зэпеч. Гъу. пэж. Ещанэ щIытIыр танкым зэрызэпичу, ар дзот абрагъуэм хуэзащ. Макъ.
    4. преодолеть что-л. (напр. трудности, невзгоды и т. п.)
    / Шэчын, фэм дэгъэхуэн.
    * Иджы а щIыкIэм тету, бэлыхь псори зэпичри Уэсмэн Шэрджэс хэкум къихьэжащ. Д. М. Нафисэт гугъуехь Iэджэ зэпичурэ урысыбзэр едж. КI. Т.
    б) (зэпоч) неперех. гл. 1. перерваться ( от нагрузки)
    / ЗэпыщхьэхукIын, зэпыудын (кIапсэ, Iуданэ сыт хуэдэхэр).
    * -Еуэ пэтми, пимыупщIыжу зы уэщыжь, къызэреIэу зэпычыну зы кIапсэжь ефти Батыр мэзым вгъакIуэ.., - жиIэри пщым унафэ ищIащ. фольк. ЯщIэу пIэрэ абыхэм {ныбжьэгъухэм} а гъущI Iэдийм и инагъыр, хъыджэбзитIыр абы зыхигъэта бэлыхьым и кууагъыр, я кIэтIий зэпычыным хуэдизу, а тIур а гъущI улъиягъэжьым зэреныкъуэкъуар. Къэб.
    2. переносное прерваться, внезапно прекратиться
    / КIэ иIэн, ухын, бэяун, увыIэн.
    Сабийм и гъыныр зэпычащ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэпычын

  • 8 къыдэщын

    (къыдощ) неперех. гл. виднеться откуда-л. между чем-л.
    / Къэлъагъун, зыщIыпIэ къыдэщу къыдэлъагъукIын; къыхэщын.
    * Бостейм и кIэ зэгуэхам джанэ кIыхь къыдэщырт. фольк.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > къыдэщын

  • 9 пэ

    1. нос
    / Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэу зэрыпамэу икIи зэрыбауэу цIыхум и напэм, нэгъуэщI псэущхьэхэми я нэкIум хэтыр.
    Пэ кIыхь.
    2. клюв
    / Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр.
    Къазыпэ. Бзуупэ.
    * Уащхуэм еджэу джэдыр кIуийуэ Дыдым хуэдэу и пэр хеIу. Б. Ф.
    3. передняя носовая часть чего-л.
    / Зыгуэрым и къыщIэдзапIэ Iыхьэ.
    Кхъуафэжьейм и пэ.
    * Нил щхьэ фэкъур пэкIэ ибзуэ Кхъухь ин гуэрым дретхъуей. КIу. Б.
    4. кончик, острие
    / КIапэ, папцIапIэ.
    * БжэIупэм зы чы къурагъ ин гуэрым и пэм хъуржыныр пипхэри Хъуэжэ хитIащ, зыдэкIуэм нэсу къэсыжыху илъагъун хуэдэу. Къэб. фольк.
    5. в знач. предлога с род. пад. впереди кого-чего-л.
    / Зыгуэрыр уи ужьу, уи кIэ иту.
    И пэ илъэдэн. И пэ иту кIуэн.
    6. начало чего-л.
    / КъегъэжьапIэ, къыщIэдзапIэ.
    * И пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым. (погов.) Фэ фи хасэм си къыхыхьэ и пэр хъуэхъуу, и кIэр хъуанэу.. тхьэм имыщIкIэ. Нарт.
    * Уахьмакъыу, уи пэ лъы ивэжауэ дунейм утетмэ, абы {Нурхьэлий} къыщыщIам гу лъыптэн? Iуащхь. ПэкIэ къешэкIын водить кого-л. за нос.
    * - Сэ пэкIэ сыкъевмышэкIыу си бохъшэр къысхуэвгъуэтыж! - жеIэ Тыкъыр. Щ. Т. ПэкIэ псы ефэн быть глупцом (букв. пить носом воду).
    * Пэжщ, Нурхьэлий абы хуэдиз бзаджагъэ хэлъкъым, ауэ пэкIэ псы ефэркъым. КI. А. ПэкIэ {пэнцIывкIэ} щIегъэфэн (щIегъэсэн, щIегъэхуэн) = пэкIэ щIыр егъэвэн. ПэкIэ щIыр егъэвэн заставить кого-л. пропахать землю носом.
    * Щыгъэт, Астемыр, пэкIэ щIыр уэзмыгъавэмэ, си тхьэрыIуэщ. Iуащхь. И пэм изэрыхьын случайно оказаться перед кем-л. (о животных, о человеке). Пэм ипкуэным хуэдэу щабэ необычно мягкий. И пэм кърихун исходить от кого-л. (напр. о слухе).
    * Псом ящхьэр зи пэ кърихур Бэхъукъуэмрэ Алыджэмрэ я гупырщ. КI. Т. {И} пэм (и пащхьэм) къизэрыхьын = и пэм изэрыхьын. {И} пэм лъы къихун разбить кому-л. нос до крови. Пэм мафIэ бзий кърихун метать искры. Пэр дэгъэзеин задирать нос. Пэр дэкъеин = пэр дэгъэзеин. Пэр дэлъэфеин 1) шмыгать носом 2) переносное напускать на себя жалкий вид. Пэр зэкIуэцIынэн заложить - о носе. И пэр иджыри хуэлъэщIыжыркъым нос не дорос. Пэр икъэн = пэр дэгъэзеин. И пэр имылъагъужыху (ефэн) напиться до положения риз. Пэр кудэн ударять в нос (о резком, неприятном запахе). Пэр къижын течь - о соплях. Пэр къилъэфын сморкаться. И пэр къыпыхун повесить нос.
    * КъыщIыхьар кIуэри и щхьэр егухауэ, и пэр къыпыхуауэ стIол кIапэм деж тIысащ, фIэхъуси сэлами щымыIэу. Къ. Хь. Си пэр позгъэупщIынщ клянусь! (букв. дам свой нос отрезать, если..).
    * {Долэт:} - Къэрал пхъуантэм} щхъухь ирамыхьамэ си пэр позгъэупщIынщ. Iуащхь. Пэр хэIун совать ( свой) нос куда-л. И пэр хуэлъэщIын утереть нос кому-л.
    * Абы и пэр хуэлъэщIын хуейщ, армыхъумэ тIэкIу зыкъыфIэщIыж хъуащ. Къэб. И пэр щIивэн споткнуться; потерпеть неудачу.
    * Хэт и фIэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щIивэну. КI. А. Пэр щIым хущыхуэн показать, где раки зимуют (букв. тереть нос о землю).
    * ПхуэзгъэпцIащ, а уи пэр щIым пхущызмыхуэмэ, щыгъэт, уи мыIуэхуми уи бэлагъ хыумыIу. Iуащхь. {И} пэр щIым щыхъуэн = пэр щIым хущыхуэн.
    пэ вей засохшие сопли
    / Пэшын Iув, пэшын гъуа.
    пэ гъуанэ ноздри
    / Пэм иIэ гъуанэ щыбауэкIэ жьы эрыкIуэр.
    пэ кIуэцI внутренность, полость носа
    / Пэм и кум щыIэхэр, и кIуэцIым итхэр.
    Пэ кIуэцIыр къихун.
    пэ тIей курносый
    / И щхьэмкIэ худэкъея пэ, пэтIинэ.
    пэ Iушэ кривоносый
    / Зи пэр мызахуэ, лъэныкъуэкIэ ешэкIа.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > пэ

  • 10 щIы

    / Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цIыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ.
    * Дунейм щIалэгъуалэу тетыр фызэгухьэм, ЩIым мамырыгъэр тепщэ щыхъунщ. Iуащхь.
    2. почва, верхний слой земной коры
    / ЩIы хъурейм и щхьэ къат и щIыIу.
    * Сенрэ Мэзанрэ ныбэгукIэ щIым зыхадзэри тIэкIурэ щылъащ, хьэкъей гуэрэн лъахъшэм хэлъу. Ж. Б.
    3. еплъ щIыгулъ. ЩIы фIыцIэ. ЩIы пшэр.
    4. страна
    / Къэрал, хэку.
    Нэмыцэр ди щIым къихьэгъащ.
    ЩIы зэдэшх хъун оказаться равными по силе ( в национальном виде борьбы). ЩIалитIыр зэбэныхукIэ зэрытемыгъакIуэу щIы зэдэшх мэхъу.
    ЩIы фIыцIэм ихун сжить со света. Дзэ узым щIы фIыцIэм ирихун.
    ЩIы фIыцIэжьым щIэгъэлъэдэн закопать в землю, сжить со света.
    * Ар губжьащи щIы фIыцIэжьым ущIигъэлъэдэнщ.
    ЩIы фIыцIэм щIыхьэн провалиться сквозь землю.
    * - Елдар гъусэ щIыи зегъэхь. ЩIы фIыцIэм щIыхьами, къэгъуэт, - жиIащ {Инал}. КI. А.
    ЩIы хъурей земной шар.
    ЩIы щхьэфэ хъун! дай бог, чтоб ты превратился в прах! ( проклятие).
    ЩIым и гъунэ очень далеко; за тридевять земель. ЩIым и гъунэ щыIэн.
    ЩIым икIыжын исчезнуть, пропасть.
    ЩIым кIуэцIрыхун = щIы фIыцIэм щIыхьэн.
    ЩIым нэмыгъэсу зехьэн (лъагъун) безмерно любить, лелеять кого-л. ; с любовью и уважением относиться к кому-л. (напр. к родителям).
    * Зым нэхърэ адрейр нэхъ лIыхъужьу дэлъхуибл иIэт хъыджэбзым, икIи я шыпхъу закъуэр абыхэм щIым намыгъэсу ялъагъурт. Ад. таур.
    ЩIым псэ къыхэхьэн пробуждаться с наступлением весны ( о почве). ЩIым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щIадзэ.
    ЩIым пхрыхуам нэхъ къэщтэн предпочесть что-л. чему-л.
    * Фызыр апхуэдизкIэ укIытати, щIым пхрыхуам нэхъ къищтэнт.
    ЩIым щыщ щIыжын сровнять с землей. Унэ цIыкIур щIым щыщ ящIыжащ.
    ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу = щIым пхыхуам нэхъ къэщтэн. ЩIым щIэпщхьэным хуэдэу укIытэн.
    ЩIым щIэхуэн = щIы фIыцIэм ихун.
    * ЩIыр бжьэкIэ къепщри, къыпыщым тоувэ. Ад. таур.
    ЩIыр бзэгупэкIэ егъэбзеин = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн нагнать страху.
    ЩIыр гъэпшэрын удобрять землю. ЩIыр куэншыбкIэ ягъэпшэр.
    ЩIыр зэгуэхуу я кум дэхуэн. Провалиться сквозь землю.
    * Иныжьыр абдеж иIэпхъукIри щIыр зэгуэхуу я кум дэхуа фIэкIа умыщIэну бзэхащ. Ад. таур.
    ЩIыр зехьэн ухаживать на землей.
    ЩIыр хъеин трястись ( о земле).
    ЩIыр щхьэцыкIэкIэ егъэпхъэнкIын = щIыр лъэдакъэпэкIэ егъэвэн.
    * Дарихъан сымаджэ хьэлъэу, уз къыхэлъадэм и кIуэцIыкIыщIэр ичатхъэр гызу, хуэмышэчыжу щIыр IэгуфэкIэ игъазэу зепщыпщэу.. {щытащ}. КI. Т.
    щIы гъунэ 1. край земли, край света
    / Дунейм и гъунэ, и кIэ.
    * - ЩIы гъунэм фыкIуэми, фысIэщIэкIынкъым, - жиIэрт иныжьым. фольк.
    2. граница
    / Зыгуэрым бгъэдэлъ щIыр щиух.
    * Вгъэбыдэ фи Iуэхур щIы гъунэм, Вгъашхэ шагъдийхэр. П. Б.
    щIы кIапэ см. щIы гъунэ.
    * Индыр хъаныр тхьэгурымагъуэт, и щIы кIапэ къытехьэр занщIэу къищIэрт. фольк.
    щIы къат слой, пласт земли
    / Хэлъ пкъыгъуэхэм елъытауэ, плъыфэкIи щытыкIэкIи щIыр IупщIэ-IупщIэу зэрызэщхьэщыкIхэм ящыщ зы.
    Лъэпщ и сыджыр щIы къатибл и кууагъыу хэтIат. Нарт.
    щIы къатибл религ. ад, преисподняя
    / Диным къызэригъэлъагъуэмкIэ лIахэм я псэр здэкIуэж щIы щIагъым щыIэ дуней; ахърэт.
    * -ЩIы къатиблым къыщIэпхами къэгъуэт, - аращ Инал жиIар. КI. А.
    ЩIы къатибл ухъу провались ты в тартарары.
    ЩIы къатиблкIэ щIэулъадэ = щIы къатибл ухъу.
    ЩIы къатиблым ежэхын = щIы къатибл ухъу.
    ЩIы къатиблкIэ кIуэцIрыхун = щIы къатибл ухъу.
    щIы ныкъуэхь наем земельного участка с выплатой половины урожая хозяину
    / Бэджэндэу къащта щIы Iыхьэ, гъавэу къытрахым и ныкъуэр щIыр зейм ептын хуейуэ.
    / Зи кIэбдз лъакъуитIыр нэхъ кIыхь губгъуэ дзыгъуэ лъэпкъ.
    щIы шэуэжа залежная земля
    / Явэу щытауэ илъэс зыбжанэкIэ ямывэжа, зытемылэжьыхьыжа щIы Iыхьэ.
    ЩIы шэуэжахэми гъавэ тращIэу щIадзэжащ.
    щIы щхьэфэ поверхность земли
    / ЩIым и щхьэ къат.
    щIы щIагъ подземелье
    / ЩIым и щIагъ.
    II устар. зима
    / Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ яку дэлъ щIыIэгъуэ зэман; щIымахуэ.
    Гъэрэ щIырэ зэхэкIа нэужьщ жылэр щIым щыхалъхьэр.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > щIы

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»